Приветствую Вас, Гость
 

       Мы напэр адыгэбзэм еттынщ.
         Хьэбэзым и къэхъу къащ1эхэм дытепсэлъыхьынщ мащ1э-мащ1эурэ. Абы и 1уэху зэф1эхын хуейхэри къэдгъэхъеинщ. Япэрауэ ц1ыхухэм и нэхъыбэм лэжьап1э зэрамыгъуэтыр. Зыщ1ып1э у1ухьэн щхьэк1э 1улъхьэшхуэ зэрыптын хуейр. Фегупщыс а зэман дыдж дыздихуам. Дунейр иджы зейр дыгъурабзхэм, е1уящ1эхэм, мылъку куэд дыгъук1э зэзыгъэпэщахэм.
         Дауэрэ абыхэм уапэлъэщыну утхьэмышк1эмэ, улажьэп1эншэмэ, хэхъуэ уимы1эмэ, дыгъурабз бейр уимыпэшэгъумэ, уримы1ыхьлымэ, ар уи щ1ыб дэмытмэ шынагъуэу?
        Абыхэм егущыпсын хуейщ мыбы къеджэхэр.Ауэ ахэри игъащ1эм абы хуэдэу щытынкъым. Къуэр зоуэк1, бгыр зоуэк1! Мыхъумыщ1эхэм я зэманри ик1ынщ як1элъы1эбэурэ ар зеяхэр.
Хьэбэз и ныкъусаныгъэхэми дытепсэлъыхьынщ.Сыт ахэр?
-Лэжьап1э зэрыщымы1эр
-Лэжьап1э гуэрэм у1ухьэн щхьэк1э 1улъхьэшхуэ ептын хуейщ у1узыгъэхьэм
-Е завод, е фабрикэ гуэрэ дащ1ыхькъым Хьэбэзым
-Лэжьап1эм и нэхъыбэр абазэхэм я1ыгъщ, ахэр я районым ягъэк1уэжкъым,дызэщ1ащтащ...
-Совхозым игъэлажьэу щыта щ1ыгухэм и нэхъыбэр ягъэлэжьэфкъым, пабжьэм зэщ1ищтэжащ;
-Ц1ыхухэм я нэхъыбэм щ1ыгур зэрагъэлэжьэн техникэ я1экъым; гъатхэ хъуамэ мэлъа1уэри къак1ужь.
-ц1ыхухэр мэкъу еуэжкъым, къэрэшейхэм техникэ я1эщи къашэри ирагъауэ, абыхэм техникэ къызэращэхун ахъшэ дэнэ кърахыу п1эрэ?Къэрэшейхэр республикэм и ахъшэ к1адэм тесщи езым я лъэпкъэгъухэм ахъшэ трак1утэ.
-Къуажэгъунэр хьэбыршыбырым зэщ1ищтащ унагъуэхэм я пхъэнк1ийхэр къуажэм дашри къаздэхуэзэм ирак1уыт;
-Къуажэм хьэмам дэткъым, хьэмаму щытар зэпкъыролъэлъ ямыгъэщ1эрэщ1эжурэ;
-Бжьамийм (водопроводым) псы къижыр ягъэкъабзэкъым;
-уэрамхэм лъэс зек1уап1э (тротуар) и1экъым, уэрамым тету зок1уэ машинэ къахуэзэхэр благъэк1ыурэ.
-Инжыдж ц1ык1у и 1уфэр пхъэнк1ийм зэщ1ищтащ, абдеж тес унагъуэхэм я пхъэнк1ийр бжьэпэм ирак1утэх, е бжьэпэм ирадзых;
А ныкъусаныгъэ къомым егупщысу п1эрэ къуажэм и администрацэр, хьэмэрэ ауэ мылажьэу улахуэ къахьрэ? Сыту п1эрэ къуажэ депутатхэм ящ1эр?Абы хуэдэ депутат щы1эу тщ1экъым езыр. Гъэр блэк1мэ отчет дэгъуэхэр ят,ауэ ф1ыуэ зэхъуэк1ыныгъэ тлъагъукъым.

Иджы Адыгэ Хабзэр зэрык1уэдыжым дытепсэлъыхьынщ. 
 
-Дауэрэ феплърэ мы 1уэхум, а хабзэм и к1эмэ-лъамэ гуэрэхэр зэрахьэрэ адыгэхэм мы зэманым?
-А Хабзэр лъэщу щыщытам адыгэхэр ипхъыхьауэ щытакъым. Абы щыгъуэм а Хабзэр тк1ийуэ зэрахьэу щытащ. Ар гъэзэщ1эным нэхъыжьхэр, лъэпкъыр, пщыхэр, ц1ыхубэр  к1элъыплъхэу щытащ. А Хабзэр зыкъутэ мыхъумыщ1эхэри къэхъут, ауэ ахэр мащ1эт. Урыс-Кавказ зауэ дыджым адыгэхэр ирипхъыхьри Адыгэ Хабзэми псэ щ1агъуэ хэмытыж хъуащ. Зэманым хуабжьу зихъуэжащ, Адыгэ Хабзэм и къэлэн куэд ухуейми иджы пхузехьэжынукъым. Къэтщтэнщ лъэныкъуэ зыбжанэ:
-лъэпкъ фащэр зехьэным;
-нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ я зэхуэщытык1эр;
-щ1ыхьэху щ1ыныр;
-Хасэр;
-хулъхугъэмрэ бзылъхугъэмрэ я зэхущытык1эр;
-укъэзыхъуреихь дунейм и къэбзагъэр;
Дытепсэлъыхьынщ к1эщ1у абыхэм адэк1э. Уэрамым дытехьэнщи зытплъыхьынщ. Сыт тлъагъур, зэхэтхыр? Япэрауэ уи нэм къыщ1оуэ мыхъумыщ1эу бзылъхугъэ хуэпахэр. Зы гъуэншэдж мыгъуэ къагупщысащи и нэхъыбэм ар ящыгъщ я пхэм дэкъузэжауэ, фэ 1ей къатригъауэу. Щ1ымахуэм ахэр зэрыхуэпам ущ1эмыупщ1э-гъуэншэдж зэв, щхьэмц1э-щхьэ бэлацэ, туфлъэ мастэ лъакъуэ. Аращ я щытык1эр. Адыгэ бзылъхугъэм зызэрищ1ынрэ зызэрихуэпэнрэ къек1уу иц1ыхужкъым. Щхьэрут1ыпщ хъуащ, къегъэзэжыгъуейщ. Адэк1э, щ1алэхэри нэхъ щ1агъуэкъым, зы джинс 1угъуэджэ къагущыпсащи я пхэм екъузэк1ауэ ящыгъщ я ук1ытап1эхэр къыдэп1ыик1ыу. Джинсхэр ф1ей хъужауэ ящыгъщ мазэ бжыгъэк1э ямыжьыщ1у-Курткэ к1эщ1ыжь ц1ык1ур къайкъузэк1ауэ, я пхэр къыщ1эщу, щ1ы1эм исхэу. Модэ делэхэр псоми яток1уэ.

Адыгэ бзылъхугъэхэм модэ мыхъумыщ1эхэр псынщ1эу къащтэ, езыхэм щхьэ яф1этыжкъым зы ф1ы гуэрэ къагупщысыну. Хьэрып мыхъумыщ1э щыгъынхэр къащтащи зэхэуфэжауэ къак1ухь.
Ит1анэ.....Хэвгъахъуэ фызэгупщысыр Гостевая напэм....

Адыгэбзэ рассказхэр

Дадэ и хьэщ1эщым -расказ на черкесском языке "Дадэ и хьэщ1эщым"